Уикипедиэ
kbdwiki
https://kbd.wikipedia.org/wiki/%D0%9D%D0%B0%D0%BF%D1%8D%D0%BA%D3%80%D1%83%D1%8D%D1%86%D3%80_%D0%BD%D1%8D%D1%85%D1%8A%D1%8B%D1%89%D1%85%D1%8C%D1%8D
MediaWiki 1.39.0-wmf.23
first-letter
Медиа
Служебная
Тепсэлъэхьыгъуэ
ЦӀыхухэт
ЦӀыхухэт тепсэлъэхьыгъуэ
Уикипедиэ
Уикипедиэм и тепсэлъыхьыгъуэ
Файл
Файл тепсэлъэхьыгъуэ
MediaWiki
MediaWiki тепсэлъэхьыгъуэ
Шаблон
Шаблон тепсэлъэхьыгъуэ
ДэӀэпыкъуэгъуэ
ДэӀэпыкъуэгъуэ тепсэлъэхьыгъуэ
Категориэ
Категориэ тепсэлъэхьыгъуэ
TimedText
TimedText talk
Module
Module talk
Gadget
Gadget talk
Gadget definition
Gadget definition talk
КъардэнгъущӀ Зырамыку
0
6934
43848
41231
2022-08-10T10:00:04Z
Lysenko97
8487
wikitext
text/x-wiki
{{Merge| [[ЦӀыхухэт:Frhdkazan|Frhdkazan]] ([[ЦӀыхухэт тепсэлъэхьыгъуэ:Frhdkazan|talk]]) 13:00, 2 Накъыгъэм и 2017 (MSK) | КъардэнгъущӀ, Зырамыку}}
{{Person
| цӀэр = КъардэнгъущӀ Зырамыку, ПӀатӀурэ и къуэ
| и лэжьыгъэр = тхакӀуэ, этнограф, уэрэджыӀакӀуэ
| къыщыхъуар =
| къыздэхъуар = [[Псыгуэнсу]], [[:ru:Терская область|Тэрч область]], [[:ru:Российская империя|Урыс Пащтыхьыгъуэ]]
| дунейм щехыжар =
| дунейм здехыжар = [[НалщӀэч]], [[Къэбэрдей-Балъкъэр|КъБР]], [[Урысей]]
| къэрал зыщыщыр = [[:ru:Российская империя|Урыс Пащтыхьыгъуэ]], [[Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр|РССЗ]], [[Урысей]]
}}
'''КъардэнгъущӀ Зырамыку, ПӀатӀурэ и къуэ''' — адыгэ тхакӀуэ, этнограф, уэрэджыӀакӀуэ. КъБР-м и цӀыхубэ артист, КъБР-м, АР-м гъуазджэмкӀэ, щэнхабзэмкӀэ щӀыхь зиӀэ я лэжьакӀуэ, КъБР-м и Совет нэхъыщхьэм и Президиумым и щӀыхь тхылъыр тӀо зыхуагъэфэща.
== Биографиэ ==
КъардэнгъущӀ Зырамыку 1910 гъэм [[Псыгуэнсу]] къуажэм къыщалъхуащ, ауэ илъэс ныкъуэ мыхъуа щӀыкӀэ и адэр, илъэс 11 иримыкъуа щӀыкӀэ и анэр фӀэкӀуэдащ. Адэ-анэншэу къэна щхьэкӀэ зеиншэ хъуакъым – и къуэш нэхъыжь Мурид зришалӀэри ипӀыжащ, гъуэгу захуэми тригъэуващ.
Псыгуэнсу къуажэ еджапӀэм классибл къиуханэужь [[Мэзкуу]] Лунэчарскэм и цӀэр зезыхьэ ГИТИС-м щӀэтӀысхьащ, Сталиным и стипендие къырату еджащ.
1940 гъэм Зырамыку актеру мазитху фӀэкӀа мылажьэу Дзэ плъыжьым къулыкъу щищӀэну яшэ. Десант бригадэм хэту Борисполь къалэм къулыкъур щрихьэкӀыу 1941 гъэм Хэку зауэшхуэм щӀедзэ. А гъэ дыдэм КъардэнгъущӀыр зыхэт дзэр фашистхэм къаухъуреихь, Зырамыку уӀэгъэ хьэлъэ мэхъури гъэрыпӀэм йохуэ. 1944 гъэм Зырамыку дзэм хохьэж, Хэку зауэшхуэм и ордени къырат.
1949 гъэм [[:ru:Шортанов, Аскерби Тахирович|Шортэн Асчэрбий]] ӀуэрыӀуатэ зэхуэхьэсыным хешэ, ди щӀэныгъэхутэ институтым я экспедицэхьэм хэтщ. 1941 гъэм иужькӀэ КъБНИИ-м адыгэбзэкӀэ къыдигъэкӀа ӀуэрыӀуатэ тхылъхэр Шортэнымрэ КъардэнгъущӀымрэ здащӀа лэжьыгъэщ.
1950 гъэм къыдэкӀа «Нартхэр» тхылъым и макетыр зэхалъхьэ КхъуэӀуфэ Хьэжбат, БищӀо Аслъэн, Албэч Ӏэуес, КъардэнгъущӀ Зырамыку сымэ.
1981 гъэм профессор Гиппиус и редакцэм щӀэту антологием и томиплӀ къыдэкӀащ, абы хыхьэу уэрэд макъамэхэу 414–м щыщу КъардэнгъущӀым жиӀэу ятхыжа уэрэдыр 45 мэхъу, езым къилъыхъуэжурэ магнитофонкӀэ итхыжауэ хэтыр 118 мэхъу.
Адыгэ уэрэдыжьыр къиӀэтыжу, радиом, телевидением, концертхэм щӀэзыхьар КъардэнгъущӀ Зырамыкущ. Ар Зырамыку и Ӏуащхьэмахуэхэм язщ.
2008 гъэм, дыгъэгъэзэм и 25 НалщӀэч дунейм щехыжащ.
== Унагъуэ ==
И щхьэгъусэр Къуралей Зулихъан, къуэ къыхуилъхуащ. <ref>{{cite web|url=http://mkkbr.ru/?p=5695|title=Штрихи к портрету Зарамука Кардангушева}} {{Ref-ru}}</ref>
== Уэрэдхэр ==
[https://www.youtube.com/watch?v=lSf8IiTQDCg Сэрмахуэ] КъардэнгъущӀ Зырамыку (зыусар [[Абазэ Къамбот]])<br />
[https://www.youtube.com/watch?v=2SehpMym9O0 Андемыркъан и уэрэд] КъардэнгъущӀ Зырамыку<br />
[https://www.youtube.com/watch?v=bLjkow1xp_g Хьэтх Мыхьэмэт и уэрэд] КъардэнгъущӀ Зырамыку
== Гулъытэгъуэ ==
{{Reflist}}
== ТехьэпӀэхэр ==
* [http://www.myshared.ru/slide/22218/ КъардэнгъущӀ Зырамыку илъэс 90 ирокъу]
* [http://fond-adygi.ru/page/pamjati-zaramuka-kardangusheva Сайт Фонда черкесской культуры «Адыги» имени Ю. Х. Калмыкова: Памяти Зарамука Кардангушева] {{Ref-ru}}
* [http://aheku.net/articles/russian/prz/63 ГушыӀэ таурыхъхьэр] КъардэнгъущӀ Зырамыку
[[Категориэ:ТхакӀуэхэр]]
[[Категориэ:Адыгэ тхакӀуэхэр]]
2caixlnlb3udaahad0gbx2s0ax42h6h