Уикипедиэ kbdwiki https://kbd.wikipedia.org/wiki/%D0%9D%D0%B0%D0%BF%D1%8D%D0%BA%D3%80%D1%83%D1%8D%D1%86%D3%80_%D0%BD%D1%8D%D1%85%D1%8A%D1%8B%D1%89%D1%85%D1%8C%D1%8D MediaWiki 1.47.0-wmf.5 first-letter Медиа Служебная Тепсэлъэхьыгъуэ ЦӀыхухэт ЦӀыхухэт тепсэлъэхьыгъуэ Уикипедиэ Уикипедиэм и тепсэлъыхьыгъуэ Файл Файл тепсэлъэхьыгъуэ MediaWiki MediaWiki тепсэлъэхьыгъуэ Шаблон Шаблон тепсэлъэхьыгъуэ ДэӀэпыкъуэгъуэ ДэӀэпыкъуэгъуэ тепсэлъэхьыгъуэ Категориэ Категориэ тепсэлъэхьыгъуэ TimedText TimedText talk Module Module talk Event Event talk Цей 0 430 48940 44739 2026-06-09T08:32:02Z Quinlan83 8621 Fix 48940 wikitext text/x-wiki [[Файл:Куртка офицерская Лейб-Грвадейской казачьей сотни.jpg|thumb|right]] '''Цей''' ([[урысыбзэ|ур-бз]]: ''черкеска'') Цейр лъэпӀкъым ди напэ. Джыпсту шъхьадж ишъхьа къызэрхуэкӀу цейр зэрахьа. Япэ кӀышъэ цейм ифэкӀэ зезыхьар къацӀыхут: Хужь (Пщы), псыфэ (хужьым нэхъ хуэкӀуэ) плъыжь, фӀыцӀабзэ (къуафцӀэ) (Лъакъуэлъэш иэ Уэркъ), псыфэ, фӀыцӀэ, гъуабджэ (лъхукъуэлӀ). (Цей къуэлэн, шхъуантӀэ, удзыфэ, гъуэжь иэ пэмыкӀы фэ зэрахьу щытакъым адыгэм!). Цейр лъэгуанджэм нэсу иэ кӀыхьу, лъапэм нэс джыпӀа хъууэ ядт. Бгъэр къихауэ, Ӏашъхьар бгъуэуэ Ӏапшъэм нэсу иэ нэхъ кӀыхьу. Ибгъэ лъэныкъуитӀым хьазырхэр (куэдым ягъэгъуащэ хьазырыр адыгэ псалъу ялыту, хазырыр хьарып псалэ) традэт блырыблу иэ нэхъыбу. Езы хьазырылъэхэр пэмыкӀы фэуи яшъу хъут, шъагъэр ишъхьамкӀэ традэжьу. Цей къуапэмрэ Ӏашъхьамрэ ихъуреягъкӀэ уагъэ къырадыхьт, нэхъ лъэпӀкъ бейхэм дышъэ иэ дыжьын шъагъэкӀэ. Цейр хуэфӀу ядт, хуиту зэрахьатэкъым, пӀкъэм фӀыуэ фӀэсу, кӀыбыр иӀыгъу бгым нэгъунэ кӀуэт, бгъэр здиухым иде, ныбэр зэхуишъу кӀыӀу ирадэт, кӀыӀуитху хуэдиз. [[Category:Щыгъын]] eglz9w2xuoxfhrlz03zi3brj9upl3pj КӀыру 0 2261 48936 42854 2026-06-09T07:56:32Z Quinlan83 8621 Fix 48936 wikitext text/x-wiki {{taxobox | name = КӀыру | image file = Twite (Carduelis flavirostris) - geograph.org.uk - 676590.jpg | image descr = | regnum = Псэушъхьэхэр | phylum = [[Кордэхэр]] | subphylum = [[ДжабэрыӀэхэр]] | classis = [[Къуалэбзухэр]] | subclassis = | ordo = [[Унэбзу хэкӀыгъуэр]] | familia = [[Бзупэгъум лъэпкъыр]] | genus = [[БзущӀэращӀэхэр]] | species = '''КӀыру''' | latin = {{Btname|Carduelis flavirostris|Linnaeus, 1758}} | wikispecies = Carduelis flavirostris | commons = Category:Carduelis flavirostris | itis = 559047 | ncbi = 90717 | range map = | range legend = }} [[Файл:Linaria flavirostris MHNT 223 Ecosse.jpg|thumb|''Carduelis flavirostris '']] '''КӀыру''' ({{lang-lat|Carduelis flavirostris}}) — [[Унэбзу хэкӀыгъуэр|унэбзу хэкӀыгъуэм]], [[Бзупэгъум лъэпкъыр|бзупэгъум лъэпкъым]] щыщщ. == Теплъэр == Я теплъэкӀэ кӀырур [[бзухьэкӀэ]]м ещхьщ. И кӀыхьагъыр см. 13-щ хуэдизщ. БзухьэкӀэхэм ялъытамэ я [[бгъэ]]м ӀэпапӀэ плъыжьхэр хэскъым. И пкъы псом гъуабжэ кусэхэр ирокӀуэ. И щӀагъымкӀэ нэхъ нэху мэхъур, хужьыфэм нэсу. И [[пэ (бзу)|пэр]] гъумщ, [[щӀымахуэ]]м гъуэжьыфэщ, [[гъэмахуэ]]м щӀыхущ. == Здэпсэухэр == [[Еуропэ]]м и ищхъэрэ лъэныкъуэхэмрэ [[Азиэ Курыт]]ымрэ щогъуалъхьэ. ЛӀэужьыгъуэм и Ӏэхьэ гуэрэ лъэтэжкъым, ауэ я нэхъыбэр мэӀэпхъуэ ипщэ лъэныкъуэм хы Ӏуфэ хуэбапӀэхэм. Здигъуалъхьэхэр [[тафэ]] нэщӀ [[псыпцӀэ]]хэм, [[абгъуэ]]р [[чыцэ]]м щащӀщ. == ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэхэр == * ''Acanthis flavirostris flavirostris'' - [[Еуропэ]]м щыщ ([[Скандинавиэ]], [[Лапландиэ]]) * ''Acanthis flavirostris brevirostris'' - Каукъазым щыпсэу ([[Къаукъаз]], [[Къажэр]]ым и ищхъэрэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэ, [[Азиэ ЦӀыкӀу]]) * ''Acanthis flavirostris korejevi'' - [[Азиэ Курыт]]ымрэ [[Ипщэ Сыбыр]]ымрэ. * ''Acanthis flavirostris kirghizorum'' - [[Къазахъстэн]]ым и щӀыпӀэ [[Хы Каспий]]рэ [[Хы Арал]]ымрэ я зэхуакум дэлъыр, щӀымахуэр [[Туркменистэн]]ым щырехщ. * ''Acanthis flavirostris pamirensis'' - [[Памир]] къущхьэхэм щыпсэу. * ''Acanthis flavirostris montanella'' - [[Азиэ Курыт]]ым и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм зиубгъуа. * ''Acanthis flavirostris altaica'' - [[Монгол]]ым и ищхъэрэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэм къыщыщӀэдзауэ ипщэ [[Алтай]]м нэс щопсэу. {{Ornitology-stub}} == Тхылъхэр == * ''Брат Хьэсин''. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ. [[Категориэ:БзущӀэращӀэхэр]] g9dy4ddbkqz1n6rchy882c8trrzua9u Къазхужь (Ӏэл) 0 2305 48941 42079 2026-06-09T08:32:57Z Quinlan83 8621 Fix 48941 wikitext text/x-wiki {{taxobox | name = Къазхужь | image file = Landing Snow Goose.jpg | image descr = | regnum = Псэушъхьэхэр | phylum = [[Кордэхэр]] | subphylum = [[ДжабэрыӀэхэр]] | classis = [[Къуалэбзухэр]] | subclassis = | ordo = [[Къаз теплъэ хэкӀыгъуэр]] | familia = [[Бабыщ теплъэ лъэпкъыр]] | subfamilia = | genus = [[Къазхэр]] | species = '''Къазхужь''' | latin = {{Btname|Anser caerulescens|<br />Linnaeus, 1758}} | wikispecies = Anser caerulescens | commons = Category:Anser caerulescens | itis = 175029 | ncbi = 8849 | range map = | range legend = }} [[Файл:Anser caerulescens MHNT.ZOO.2010.11.15.1.jpg|thumb| ''Anser caerulescens'']] '''Къазхужь''' ({{lang-lat|Anser caerulescens}}) — [[Къазхэр|къаз теплъэхэм]] ящыщщ. == Теплъэр == И нэхъыбэм къуалэбзу зи теплъэр хужьу щытщ. Инкъым, ч. 3-м нэхъыбэ къишэчкъым. И [[пэ (бзу)|пэмрэ]] [[лъакъуэ|лъакъуэхэмрэ]] плъыфэ къащӀоуэ. И пэм и хъуреягъымрэ, [[дамэ|дамакӀэхэмрэ]] цы фӀыцӀэ ятетщ. == Здэпсэухэр == [[Урысей]]мрэ [[Ишъхъэрэ Америкэ|Америкэмрэ]] я Ищхъэрэ жыжьэм щопсэухэр, зэзэмызэщӀэ [[Къаукъаз]]ым [[щӀымахуэ]]р щизых уапэщӀохуэрщ. Мазэрэ ныкъуэрэ хуэдизым деж [[шыр (бзу)|щырхэм]] лъэтэн яублэщ. Я бжыгъэр мащӀэ дыдэ хъуащ, щэкӀуэным ихьауэ. Иджыпсту хъумэным щӀэт [[лӀэужьыгъуэ]]щ. {{Ornitology-stub}} == Тхылъхэр == * ''Брат Хьэсин''. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ. [[Category:Къазхэр]] ofu2ib9vaxnr67uvw8ha1kb0esyh246 КъуршкъуацэщӀэж 0 2373 48939 47747 2026-06-09T07:59:26Z Quinlan83 8621 Fix 48939 wikitext text/x-wiki {{taxobox | name = КъуршкъуацэщӀэж | image file = Anthus spinoletta.jpg | image descr = | regnum = Псэушъхьэхэр | phylum = [[Кордэхэр]] | subphylum = [[ДжабэрыӀэхэр]] | classis = [[Къуалэбзухэр]] | subclassis = | ordo = [[Унэбзу хэкӀыгъуэр]] | subordo = | familia = [[МывэкӀэпыс лъэпкъыр]] | genus = [[КъуацэщӀэжхэр]] | species = '''КъуршкъуацэщӀэж''' | latin = {{Btname|Anthus spinoletta|<br />Linnaeus, 1758}} | wikispecies = Anthus spinoletta | commons = Category:Anthus spinoletta | itis = 178489 | ncbi = 45802 | range map = | range legend = }} [[Файл:Anthus spinoletta spinoletta MHNT.ZOO.2010.11.205.5.jpg|thumb|''Anthus spinoletta spinoletta'']] '''КъуршкъуацэщӀэж''' ({{lang-lat|Anthus spinoletta}}) — [[МывэкӀэпыс лъэпкъыр|мывэкӀэпыс лъэпкъым]] щыщ [[лӀэужьыгъуэ]]щ. == Теплъэр == [[КъуацэщӀэж]]ым ещхьщ, ауэ нэхъ пӀащэщ. И теплъэр нэхъыщхьэу гуабжэщ; [[бгъэгу]]мрэ [[ныбэ]] щӀагъымрэ нэхъ хужьыфэу, кусэ гъуабжэхэр хэлъу. == Здэпсэухэр == [[Еуропэ]]м, [[Азиэ]]м, [[Ишъхъэрэ Америкэ]]м я бгылъэ щӀыпӀэхэм щогъуалъхьэ. [[Къуакъаз]]ым щыкуэдщ, мэлъэтэж. КъуршкъуацэщӀэжхэм нэхъ къыхах [[къыр]] джабэ [[мылэщ]]хэм я гъунэгъухэр, щогъуалъхьэ [[мывэ]] абрагъуэ щӀагъхэм. ЗэрхуагъэфащэмкӀэ, илъэсым тӀо къреш. {{Ornitology-stub}} == Тхылъхэр == * ''Брат Хьэсин''. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ. [[Category:КъуацэщӀэжхэр]] 8hx7bl4ug3bik6vgtsouzknph70rt0t Беслъэней пщыгъуэ 0 2536 48937 29840 2026-06-09T07:57:00Z Quinlan83 8621 Fix 48937 wikitext text/x-wiki [[Файл:Besleneys villages in 1830-1850 years.png|thumb|250px|Беслъэней къуажэхэр 1830-1850 гъэхэм. 1 — къуажибгъу Зас генералым губгъуэм иригъэкӀахэр; 2 — зи цӀэхэр гъэунэхуауэ щымытхэр.]] '''Беслъэней''' — [[Адыгэ Хэку]]м и зы пщыгъуэщ, [[кӀахэ лъакъуэхэр|кӀахэ лъакъуэхэмрэ]] [[Къэбэрдей пщыгъуэ]]мрэ я зэхуакум дэлъа. == Хэкумэтхыр == Пщыгъуэм и гъунапкъэхэр ищхъэрэмкӀэ [[Псыжъ|Псыжь]] и ӀуфэмкӀэ ирикӀуэт; ищхъэрэ-къухьэпӀэмкӀэ — [[КӀэмгуей пщыгъуэ]]м ([[Мэхуэщ пщыгъуэ]]ри хиубыдэу); къухьэпӀэмкӀэ — [[Абдзах]]ым; ипщэ-къухьэпӀэмкӀэ — [[Убых пщыгъуэ]]м; ипщэмкӀэ — [[Азгъэ пщыгъуэ]]м; къуэкӀыпӀэмкӀэ — Къэбэрдей пщыгъуэм (абыми [[Абазэ пщыгъуэхэр|Абазэ пщыгъуэ]] хиубыдэхэр хэту). Пщыгъуэм и ищхъэрэ лъэныкъуэр хъупӀэкӀэ бэгъуа [[Басэ губгъуэ]]р хеубыдэ, ипщэмкӀэ — бгылъэ, мэз Ӏуву зэщӀэкӀауэ, [[Къаукъаз Ӏуащхьэшхуэ тхы]]м нэсу. Псы нэхъ инхэр — [[Псыжъ]], [[Лабэжъ]], [[Уэрп]], [[Инжыджышхуэ]], [[Хуэдз]]. == Тхыдэр == Беслъэней пщыгъуэм и зэфӀэувэкӀыу къэплъытэ хъунур XIII-XIV лӀэщӀыгъуэхэращ. Нэхъыщхьэ лъэпкъу пщыгъуэм щхьэщытар [[Къанокъуэхэ|Къанокъуэхэрэ]] [[Шолэхъухэ|Шолэхъухэрэ]] [[Инал]] и къуэ [[Беслъэн]] къытекӀахэр. {{Section no}} == Жылэр == Беслъэней пщыгъуэм и жылэм нэхъыбу бжьыгъэкӀэ хиубыдэхэтэр адыгэхэрат ([[беслъэнейхэр|беслъэней лъакъуэр]]), абыхэм нэмыщӀу [[абазэхэр]]: [[Баг пщыгъуэ]]м, [[Баракъей пщыгъуэ]]м, [[Мысылбай пщыгъуэ]]м, [[Къызылбэч пщыгъуэ]]м, [[Там пщыгъуэ]]м, [[Шэджырей пщыгъуэ]]м щыщхэр. Пщыгъуэм и лъэшыгъуэ зэманым жылу исам и бжыгъэр фӀыуэ гъэунэхуауэ щыткъым [[адыгэхэр|адыгэхэми]] абазэхэми ящыщ, ауэ [[1830 гъэр|1830 гъэм]] щыщ тхылъым<ref>Из сведений Генерального Штаба Отдельного Кавказского Корпуса. 1833 год.{{Ref-ru}}</ref> егъэлъагъуэр лъэпкъхэм я бжыгъэр: адыгэхэр (беслъэней лъакъуэм щыщу) — 25, 000; абазэхэр: Баг пщыгъуэм щыщ — 5, 000, Баракъей — 7, 000, Мысылбай — 8, 000, Къызылбэч — 6, 500, Шэджырей — 5, 000. ЗэрыхъумкӀэ 1830 гъэм жылу пщыгъуэм исар 56, 500. Жылъэм и бжыгъэр гу лъытыгъэу зэрехъуэкӀ 1858 гъэм, абым щыщ тхылъым зэригъэлъагъуэмкӀэ<ref>Кавказский календарь на 1858 год. Статья Адмирала Пет. Берже.{{Ref-ru}}</ref> адыгэхэм (беслъэнейхэм) я бжыгъэр 5, 115 фӀэкӀа мыхъуу. == Пщыгъуэм и хэкӀуэдэгъуэр == [[Урыс-адыгэ зауэ]]м и щӀэдзэуэм куэд темыкӀауэ [[Къэбэрдей пщыгъуэ]]м урысыдзэр зэртеуэу Беслъэнейми и «Ӏыхьэ гуащӀэр» лъысащ. [[1787 гъэ]]м и фокӀадэ-жэпуэгъуэм [[Потиомкин Григорий|Потиомкинымрэ]] [[Текели Пиотр|Текелирэ]] Беслъэней пщыгъуэм теуахэ, абым щыщу япэува адыгэ-абазэ дзэр зэбгыраудри къуажэм я нэхъыбэхэр [[Уэрп]], [[ИнжыджцӀыкӀу]], [[Инжыджышхуэ]] я псыхъуэм дэтахэр хагъэкӀуэдащ губгъуи, жыг хади къамыгъанэу псори нафӀэм ирагъэхьащ. Абым папщӀэ [[1787 гъэ]]м дыгъэгъазэм и 1-м Потиомкеным хуиӀуохуа [[II Екатеринэ]] беслъэнейхэм я нэхъыбэр Уэрп псыхъуэм и сэмырабгъу лъэныкъуэм икӀахэу, къэнэжахэр [[Къаукъаз губерниэ]]м ирагъэтӀысхьащ. МынэхъгуащӀэу хъуащ Коцырев зекӀуэ ищӀар Беслъэнейм [[1824 гъэ]]м мэкъуауэгъуэм и 18. Уэрпрэ Инжыджхэмрэ я псыхъуэм къыдэнэжа адыгэ-абазэ къуажэхэр [[Къанокъуэхэ]], [[Дударыкъуэхэ]], [[Кълышхэ]] яхэр. А зекӀуэм цӀыху 200 хэкӀуэда, 370 яубыда, шыуэ 600, жэм 1200, мэл-бжэн 10000 ирахуащ. Яужырейуэ, Беслъэней пщыгъуэр хэзгъэкӀуэда хъуар [[1828 гъэ]]м и щакӀуэгъуэм [[Эмануэл Геогрий|Эмануэл]] генералым зекӀуэ ищӀаращ. [[Псыжъ]] икӀри Уэрп и псыхъуэм и ижьырабгъу лъэныкъуэр, Инжыджхэм я псыхъуэр иунэщӀащ, зы цӀыху къыдимынауэ. А и зекӀуэм беслъэней къуажэ 210 хигъэкӀуэдащ. [[1859 гъэ]]м, урысыдзэм зыкъырагъэлыным папщӀэ Беслъэней пщыгъуэм щыщу къэнэжа къуажэхэр, [[Хуэдз]] и псыхъуэм дэсау урыс ӀэнатӀэгъуэм щӀэхьэну гугъэ ящӀащ, ауэ [[1860 гъэ]]м урысей лъэныкъуэм унафэ яхуищӀащ къуажу хъуар къущхьэ-мэз щӀыпэхэм къыдэкӀыу губгъуэм итӀысхьэнэу. Губгъуэм зэрагъэтӀысхьэм папщӀэ жылэм и нэхъыбэр ныкъуакъуэ хъуащ дэкӀын ямыдэу, апщыгъуэм урысхэм унафэу ягъувар е губгъуэм йокӀхэр е Тыркум. [[1861 гъэ]]м макъуауэгъуэм и 22 Лихутин пашэр баталионибгъу лъэсыдзэу, 150 къэзакъхэу, эскадронитӀ, топ-Ӏэшэ 14 дэщӀыгъуу беслъэней къуажэхэр къыхъурейхьащ пхырыкӀыпӀэ зы лъэныкъуэмкӀи ямыӀэу. Мэкъуауэгъуэм и 23 къуажу хъуар [[Каладжинскэ]] быдапӀэм деж къыдагъэкӀа. Унагъуэ зы бжыгъэ губгъуэм итӀысхьэн зыдахэр [[Бескорбнэ]]рэ [[Попутнэ]]рэ станицэ зэхуакум ягъэтӀысахэ, адрейуэ хъуар [[Прочный Окоп]]кӀэ Псыжъ и ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ [[Темэн]] нагъэсри аткӀэ [[Уэсмэн империэ|Тыркум]] ирагъэкӀахэщ<ref>«Военные известия из кубанской области» Военный сборник, № 9, 1861.{{Ref-ru}}</ref> == Гулъытыгъуэ == {{Reflist}} == Тылъхэр == * ''Хатко С.'' Бесленей — мост Черкесии. ТхылътедзапӀэ «Полиграф-Юг». Мыекъуапэ. 2009 гъэ * ''Дубровин Н.'' Черкесы (адыге) «Документы и материалы по истории адыгов». Япэрей тхылъ. Налшыч. 1991 гъ. == ТехьэпӀэхэр == * [http://archivesjournal.ru/?p=2937 АРХИВЫ И ОБЩЕСТВО. Как составлялся список селений.]{{Ref-ru}} {{Адыгэ Хэку}} [[Category:Адыгэ хэку]] [[Category:Адыгэ пщыгъуэхэр]] oy7gj343fbduybbw76zoiyagvavpom6 Пцэщыщ 0 3036 48942 42370 2026-06-09T08:33:35Z Quinlan83 8621 Fix 48942 wikitext text/x-wiki {{River | ЦӀэр = Пцэщыщ | И цӀэдыдэр = {{Lang-ru|Паук}} | сурэт = | photo = [[File:Пцэщыщ.jpg]] | image file = Пцэщыщ.jpg | image = Пцэщыщ.jpg | image = Пцэщыщ.jpg | ПсалъэкӀэтхэ = | lat_dir = |lat_deg = |lat_min = |lat_sec = |lon_dir = |lon_deg = |lon_min = |lon_sec = |region = |CoordScale = | КӀыхьагъыр = 14, 5 | Псыхъуэм и инагъыр = 42 | Псыхъуэр = | Псыуэ ихьыр = | КъызхэкӀыр = [[Мыщэжьы]] Ӏуащхьэ | КъыхэжыпӀэр = | И пэр = [[Хы ФӀыцӀэ]] | Псыпэм и щӀыпӀэр = | ЩӀыпӀэтхыпхъэ = | Хэкур = [[Урысей]] | Хэку къедзыгъуэхэр = [[Краснодар Къэрал|Краснодар край]] | Commons = }} '''Пцэщыщ''' е '''Пэкъо''' ({{Lang-ru|Паук}}) — [[Урысей]]м хэт [[Краснодар Къэрал|Краснодар крайм]] и щӀыпӀэм хэж псыщ [[Хы ФӀыцӀэ]]м хэлъадэу, [[Къаукъаз Тхышхуэ]]м хэт Ӏуащхьэ [[Мыщэжьы]]м къыхожщ, и кӀыхьагъыр км. 14, 5 хуэдиз мэхъур. [[Файл:Пцэщыщ.jpg]] {{Geo-stub}} [[Category:Краснодар крайм и псыхэр]] m8kh1v4hh05or172gia1lcxehr7zyhw 48943 48942 2026-06-09T08:35:07Z Quinlan83 8621 - 48943 wikitext text/x-wiki {{River | ЦӀэр = Пцэщыщ | И цӀэдыдэр = {{Lang-ru|Паук}} | сурэт = | photo = [[File:Пцэщыщ.jpg]] | image file = Пцэщыщ.jpg | image = Пцэщыщ.jpg | image = Пцэщыщ.jpg | ПсалъэкӀэтхэ = | lat_dir = |lat_deg = |lat_min = |lat_sec = |lon_dir = |lon_deg = |lon_min = |lon_sec = |region = |CoordScale = | КӀыхьагъыр = 14, 5 | Псыхъуэм и инагъыр = 42 | Псыхъуэр = | Псыуэ ихьыр = | КъызхэкӀыр = [[Мыщэжьы]] Ӏуащхьэ | КъыхэжыпӀэр = | И пэр = [[Хы ФӀыцӀэ]] | Псыпэм и щӀыпӀэр = | ЩӀыпӀэтхыпхъэ = | Хэкур = [[Урысей]] | Хэку къедзыгъуэхэр = [[Краснодар Къэрал|Краснодар край]] | Commons = }} '''Пцэщыщ''' е '''Пэкъо''' ({{Lang-ru|Паук}}) — [[Урысей]]м хэт [[Краснодар Къэрал|Краснодар крайм]] и щӀыпӀэм хэж псыщ [[Хы ФӀыцӀэ]]м хэлъадэу, [[Къаукъаз Тхышхуэ]]м хэт Ӏуащхьэ [[Мыщэжьы]]м къыхожщ, и кӀыхьагъыр км. 14, 5 хуэдиз мэхъур. {{Geo-stub}} [[Category:Краснодар крайм и псыхэр]] lwt2irku543gvm59zpbpzehk7xa8tp5 Кнившелодден 0 5006 48938 44584 2026-06-09T07:57:29Z Quinlan83 8621 Fix 48938 wikitext text/x-wiki [[Файл:Knivskjellodden 1.jpg|thumb|250px|right|Кнившелодден пшагъуэм щӀехъумэр]] [[Файл:Knivskjellodden.jpg|thumb|250px|right|Кнившелодден щӀымахуэм]] [[Файл:Knivskjellodden_Varde.jpg|thumb|250px|right|Кнившелодден и хэкумэтх координатхэр]] '''Кнившелодден''' ({{Lang-no|Knivskjelodden}}) — Норуегэм и коммунэ [[Нордкап (коммунэ)|Нордкапым]] и тӀыгу [[Магеройа]] телъ къуапэ. Магеройа тӀыгуми Еуропэми и нэхъ ишхъэрэ дыдэ пӀэ. [[Нордкап]] къуапэр иныкъуэхэм Еуропэм и нэхъ ишхъэрэ дыдэ пӀэуэ ябжыми, нэхъ ишхъэрэ дыдэу щытыр Кнившелодден къуапэращ. Ар Нордкап елътауэ нэхъ ишхъэрэу 1500 метрэкӀэ хым хохьэр, хомурэ етӀысэхыурэ. [[Нордкап]] къуапэм щыщӀэдзауэ Кнившелодден нэсыху, лъагъуэ цӀыкӀу киломитрий и кӀыхьагъыу ящӀауэ ирокӀуэ, цӀыху хуейхэр абы нэс тыншу кӀуэфынхэ щхьа. == ТехьэпӀэхэр == * [http://english.turistforeningen.no/trip.php?tp_id=7844 Knivskjelodden – Norway’s northernmost point {{Ref-en}}] {{Norway-stub}} {{coord|71|11|08|N|25|40|54|E|display=title}} [[Категориэ:Къуапэ]] [[Категориэ:Еуропэм и къуапэхэр]] [[Категориэ:Норуегиэ и хэкумэтх]] 1dkhf7dqfyv3x5wzlap4evs128po0zz Истамбыл 0 6317 48944 44570 2026-06-09T08:35:38Z Quinlan83 8621 Fix 48944 wikitext text/x-wiki {{Commons|İstanbul|Истамбыл}} [[Файл:Henriette_Gudin_Hafen_von_Konstantinopel.jpg|thumb]] '''Истамбыл''' — [[Тыркуей|Тыркуем]] и къалэмэ анахь иныр. 1923-рэ илъэсым нэс [[Осмэн Империе|Осмэн Империем]] и къэлэшъхьаӀэу щытыгъ. Дунаем тет къалэмэ анахь жъы дэдэмэ, ыкӀи анахь дэхэ дэдэмэ ащыщ. ЦӀыф млн 13-м нахьыбэ дэс и Ӏэгъо-благъохэри дэплъытэмэ. ПсыдэкӀыпӀэу [[Босфор|Босфор]] ынэпкъмэ атет. == ИцӀэр == == Тарихъ == == Географие == == ЦӀыхуу дэсхэр == == Архитектурэр == == Къош-къалэхэр == == Зэпыщэхэр == sxa4kfn50k02l67s3u2313qaarurs7z