Уикипедиэ
kbdwiki
https://kbd.wikipedia.org/wiki/%D0%9D%D0%B0%D0%BF%D1%8D%D0%BA%D3%80%D1%83%D1%8D%D1%86%D3%80_%D0%BD%D1%8D%D1%85%D1%8A%D1%8B%D1%89%D1%85%D1%8C%D1%8D
MediaWiki 1.47.0-wmf.13
first-letter
Медиа
Служебная
Тепсэлъэхьыгъуэ
ЦӀыхухэт
ЦӀыхухэт тепсэлъэхьыгъуэ
Уикипедиэ
Уикипедиэм и тепсэлъыхьыгъуэ
Файл
Файл тепсэлъэхьыгъуэ
MediaWiki
MediaWiki тепсэлъэхьыгъуэ
Шаблон
Шаблон тепсэлъэхьыгъуэ
ДэӀэпыкъуэгъуэ
ДэӀэпыкъуэгъуэ тепсэлъэхьыгъуэ
Категориэ
Категориэ тепсэлъэхьыгъуэ
TimedText
TimedText talk
Module
Module talk
Event
Event talk
Ганг
0
121
48988
48980
2026-08-04T20:31:30Z
CommonsDelinker
3733
Removing [[:c:File:National_aquatic_marine_mammal_of_Pakistan.jpg|National_aquatic_marine_mammal_of_Pakistan.jpg]], it has been deleted from Commons by [[:c:User:Yann|Yann]] because: per [[:c:COM:NETCOPYVIO|]].
48988
wikitext
text/x-wiki
{{River
| ЦӀэр = Ганг
| И цӀэдыдэр = गङ्गा
| сурэт = Ganges India.jpg
| ПсалъэкӀэтхэ = [[Варанаси]] къалэм нэхушъыр зэрекӀуэкӀыр
| lat_dir = |lat_deg = |lat_min = |lat_sec =
|lon_dir = |lon_deg = |lon_min = |lon_sec =
|region =
|CoordScale =
| КӀыхьагъыр = 2,700
| Псыхъуэм и инагъыр = 1,060,000<ref>Брахмапутрa и псыхъуэр хэмыту. Брахмапутрэ ер хэту — 1 643 000 км².</ref><ref>[http://gatchina3000.ru/brockhaus-and-efron-encyclopedic-dictionary/025/25357.htm Севетхэм я Энциклопедиэшхуэ]</ref>
| Псыхъуэр =
| Псыуэ ихьыр = 12 мин м³/с<ref>[http://www.sage.wisc.edu/riverdata/scripts/station_table.php?qual=32&filenum=819 Ganges discharge at Farakka station, India, 1949-1973. River Discharge Database]</ref>
| КъызхэкӀыр =
| КъыхэжыпӀэр =
| И пэр = [[Бенгал хыжэ]]
| И пэпӀэр =
| ЩӀыпӀэтхыпхъэ = River Ganges and tributaries.png
| Хэкур = [[Файл:Flag_of_India.svg|20px]][[Индиэ]]<br />[[Файл:Flag_of_Bangladesh.svg|20px]][[Бангладеш]]<br />[[Файл:Flag_of_Nepal.svg|20px]][[Непал]]
| Хэку къедзыгъуэхэр = Индиэм и штатхэр:<br />[[Уттаракханд]], [[Уттар Прадеш]], [[Бихар]], [[КъуэхьэпӀэ Бенгал]]
| Commons = Category:Ganges River
}}
'''Га́нг''' ([[Хиндубзэ|хин-бз.]] ''गंगा'') — дунем и нэхъ инхэм ящыщ ([[Брахмапутра]]р хэту ещанэрей мэхъур псы ихьымкӀэ и инагъыр [[Амазонэ]]мрэ [[Конго (псы)|Конгомрэ]] яуж).
== Нэхъышъхьэ тепсэлъыхьыгъуэхэр ==
[[Файл:HeadwatersGanges1.jpg|left|220px|Гангыпшъэ]]
=== Псыхъуэмрэ ПсыежэхыпӀэ лэныкъуэмрэ ===
Гангыр и псыхъуэм и нэхъыбэмкӀэ губгъуэ псыуэ хъуас яхьчу щыт, и псыр хому, шъэху ежэху, и къыхэжыпӀэр [[Гималайхэр|Гималайхэм]] и лъэгапӀэхэм зэрхэлъым емылъытауэ, псы бжыгъи зыхештэ, есым хуэдуи къушъхьэхэм къыхэжу щытхэр. [[Индо-Ганг губгъуэ|Индо-Ганг гъубгъуэр]], псым и нэхъыбэ ежэхыпӀэр зи Ӏэхьэ хъуам, зандэфӀу щыт. Зэхуэлъытэгъуэ яхуэшъамэ лъэгапӀэ [[Дели]] идежь щыӀэмрэ ([[Джамна]] псым) [[Бенгал хыжэ]]мрэ зи зэхуакухэм км 1,600 дэлъхэм, зэшъхьэщыкӀыгъу я лъэгапӀэхэр зэрыхъур 210 метру.
Ганг и гъогур бжыгъэгъэ зэрихъуэкӀыурэ йожэхыр, и къыхэжыпӀэм щыкӀэдзауэ ипшъэ-къуэхьэпӀэмкӀэ йожэх, [[Харидвар]]ым щыкӀэдзауэ ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ, апхуэду [[Аллахабад]]ым нэс йожэхыр, яужым [[Коши]]м нэс занкӀыу къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ, Кошим яужкӀэ ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ. Абы пэтрэ и псыхъуэ нэхъышъхьэмрэ и жэ гуэрэхэмрэ ипшъэ-къуӀкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ йожэххэ, яужым ипшъэмкӀэ ягъазу Бенгал хыжэм идежь, пэмыкӀ псы хэлъадэхэр [[Бхагиратхи]]рэ [[Джаланги]]рэ хуэдэхэр зкӀыпӀи ямыгъазурэ, занкӀыу ипшъэмкӀэ йожэххэ. Жэхэм ящыщ гуэрэхэр [[Брахмапутра]]рэ [[Мегхна]]рэ я жэхэм хэлъадурэ зэгъусу хыжэм хохуэхэ. Псым и бгъуагъыр и кум и дежь, нэхъ индыду здэщытым здынэсыр метрэ 800 щыкӀэдзауэ 1,500 метрэм носыр. Псыхъуэм и кӀагъымкӀэ жэ бжыгъу зэхэкӀын кӀедзэ, [[Брахмапутра]] дэкӀыгъу зы пэуэ зэхэлъадэху, а пэм и кӀыхьэгъыр км 300 мэхъур, и бгъуагъыр км 350 хуэдиз.<ref>[https://web.archive.org/web/20070802134948/http://earth.jsc.nasa.gov/sseop/EFS/photoinfo.pl?PHOTO=STS027-39-28 Ganges-Brahmaputra River Delta] ''Earth from Space'' {{Ref-en}}</ref><ref>[http://www.britannica.com/EBchecked/topic/225359/Ganges-River Британикэ Энциклопедиэм] {{Ref-en}}</ref>.
=== Псы ихьымрэ псы зыхичэмрэ ===
[[Файл:A gathering by the Ganges at Rishikesh.jpg|thumb|220px|Гангыр Ришикеш къалэм де.]]
Ганг и пыхъуэр [[Ипшъэ Азиэ]]м и нэхъ ину щыт. КӀыхьэгъкӀэ Гангыр [[Инд]]ымрэ [[Брахмапутра]]мрэ нэхъри нэхъ цӀыкӀу щыт щхьэкӀэ, и псыхъуэм и инагъкӀэ япэ ярыт, шӀыпӀу иубыдыр - 1,060,000 км², [[Брахмапутра]]м и псыхъуэри хэтмэ (зы дэкӀыгъу Гангым зы пэ зиӀэр) зэрыхъур 1,643,000 км².
Псым и ныкъуэр къызхэкӀыр [[уэшх]]ыпс, ипшъэ-къуэхьэпӀэ [[муссон]]хэмрэ [[тропик циклон]]хэмрэ къахуэхэм (и пэм и лъэныкъуэгъуэмкӀэ) мэкъуауэгъуэм щыкӀэдзауэ джэпуэгъуэм нэс, адрей и ныкъуэр [[ткӀуэпс]]ым къыхокӀ, [[Гималайхэр|Гималайхэм]] телъ уэсым къыхэжу мэлъыжъыхьымрэ бадзэуэгъуэмрэ я зэхуакум. Дыгъэгъазэмрэ шӀычылэмрэ псыхъуэм макӀэдыдэ уэпсу хэхьэр. Нэхъыбэм зэрыхъумкӀэ псыхъуэм и къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм уэуэ къехыр 760 мм/гъэм мэхъур, къуэкӀыпӀэм 2,300 мм/гъэм фӀокӀыр. Псыхъуэм и нэхъыбэм , и пэм щымыхъукӀэ уэуэ къехыр зэрыхъур 760-1,500 мм/гъэм. И пэм циклон уэшхышхуэхэр къошхыр муссонхэм я гъэми, яужми, гъатхэпэмрэ джэпууэгъуэмрэ я зэхуакум.
Уэхэм я гъэр зэпыуду зэрекӀуэкӀым шъхьэкӀэ, псыр илъэс къэс къиуа мэхъур, зэгъэпшэгъуэкӀэ [[Нил]] къызэриум хуэду ину щымытми. Зэпхахэр псы зэманыгъуэ нэхъышъхьитӀ — мэлыжъыхьымрэ бадзэуэгъуэмрэ я зэхуакум (уэсыр къушъхьэхэм щыткӀум), мэкъуауэгъуэмрэ фокӀадэмрэ я зэхуакум (муссонхэр щекӀуэкӀым). Абым хуэду муссонхэм я гъэм къалэ [[Варанаси]]рэ [[Аллахабад]]ымрэ ядежь, псыр метрэ 15-16 къиуфыну<ref>[http://gatchina3000.ru/brockhaus-and-efron-encyclopedic-dictionary/025/25357.htm Брокгауз-Ефрон и энциклопедиэ] {{Ref-ru}}</ref>. ШӀымахуэм псыр нэхъ цӀыкӀу дыдэ мэхъур.
Псыуэ ихьыр иныфӀу щыт, къэлъытэгъуэм шъхьэкӀэ Варанаси къалэм идежь и пэм 1,224 км пэщылъым, гъушъэгъуэ гъэми Гангым и бгъуагъыр 430-440 метрэ мэхъур, и кууагъыр метрэ 12 носыр, уэшххэм я гъэм и бгъуагъыр 900-950 метрэм носыр, кууагъыр метрэ 20-м. [[Бенгал хыжэ]]м псыуэ хихьэу къэлъытэр 12, 000 м³/с.
Илъэс псоми Ганг и псыр утхъуа Ӏэуэ щыт, уэпсхэм къахэкӀауэ емытӀысэх фӀеигъуэхэр зэрыхэлъым шъхьэкӀэ. Гъэ къэс и пэм хохуэ 180 млн м³ уэуэ абым теухуа, Бенгал хыжэм и фэм зыкӀизэрихъуэкӀыр, Ӏуфэм км 150 пэщылъу гулъытэгъуэ зэптыфынум. Псыр къиуа яуж щехыжькӀэ, ятӀэгъуэ куэд къегъанэр псыхъуэм, губгъуэ лэжьыгъэхэм куэду къыхуэшъхьэпэр.
[[Файл:Devprayag Bhagirathi Alaknanda 01.jpg|thumb|220px|[[Алакнанда]]мрэ [[Бхагиратхи]]мрэ я зэхэлъэдэпӀэр, Ганг къезгъажьэхэр]]
[[Файл:Taj Mahal reflection on Yamuna river, Agra.jpg|thumb|220px|[[Тадж Махал]]ыр [[Агра]] къалэм, [[Джамна]] и уфэм Ӏутыр.]]
=== Псыхэлъадэхэр ===
Ганг хэлъадэ псыхэр зэмыхьчу щытхэ, къызхэкӀахэмкӀи зэхэтыкӀэмкӀи.
== Хэкумэтхыр ==
Гангыр лъэныкъуищу мэгуэчыр: пшъэ лъэныкъуэ (км 800 хуэдиз, къыздыхэжым щыкӀэдзауэ [[Канпур]] къалэм нэс), курыт лъэныкъуэ (1,500 км хуэдиз, Канпурым щыкӀэдзауэ [[Индиэ]]мрэ [[Бангладеш]]ымрэ я гъунапкъэм нэс), кӀэ лъэныкъуэ (км 300 хуэдиз, Бангладеш гъунапкъэм щыкӀэдзауэ псым и пэм нэс).
=== Пшъэ лъэныкъуэ ===
[[Файл:View of Gaumukh.jpg|left|thumb|230px|Гаумукх - Бхагиратхи и къыхэжыпӀэр Ганготхри мылыжъым идежь, Ганготхри-хьэблэм и гъунэгъу.]]
Нэхъышъхьу къызыхэкӀыр Гангыр Бхагиратхирар (Ганг и жэ Бхагиратхым хумыгъэгъуащэ), Гаумукхым дежь кӀидзу лъэгапӀэ 7,756 метрэм (Ганготхри мылыжьым и лъабжъэ лъэныкъуэ) [[Гималайхэр|Гималайхэм]], индиэ штат [[Уттаракханд]]ым. КъыкӀэжыпӀэм гъунэгъу бгъэдэлъ мылыжъым ицӀэ зезыхьэ хьэблэ [[Ганготри (хьэблэ)|Ганготри]] - [[Хиндудин|Ганга]] гуащэм и псэупӀэ, хиндудиным пылъ цӀыхухэм я зы тхьэлъэӀупӀэхэм ящыщу.
Ишъхьэрэ-къуэхьэпӀэмкӀэ ежэху Бхагиратхир, хьэблэ [[Бхайронгхати]]м дежь, лъэгапӀэ 2,770 метрэм хеубыдэ Джадх Ганга - уэр псыр, япэрей зэмэнэгъуэхэм еуропейхэм Ганг и къэхыжыпӀу къалъытэтэр. ЯужкӀэ псыр Гималай ЛъэбжъэгъуэмкӀэ йожэхыр 2,478 метрэ лъэгапӀэхэм, Девпраяг хьэблэм дежь, лъэгапӀэ 636 метрэм хеубыдэ псы [[Алакнанда]]р, гималай мылыжъхэм къыхэжыр. А пӀэм щыкӀэдзауэ псым и цӀэр «Ганг».
[[Файл:A beach on the banks of Ganges, Rishikesh.jpg|thumb|220px|Гангыр [[Гималайхэр|Гималайхэм]] хэт къалэ Ришикешым дежь]]
Бхагиратхимрэ Алакнандамрэ я псы зэхэлъэдахэр бгы Шиваликхэм хожыр, лъэгапӀэ 403 метрэм хуэдизым ауш къалэ [[Харидвар]]ым дежь, яужым псыпцӀэ губгъуэ Терам холъадэ, абым хэжа нэуж [[Инд Ганг губгъуэ]]м хохьэ. И пшъэ лъэныкъуэм Гангыр уэр псыуэ йожэхыр, и нэхъыбэм ипшъэ лъэныкъуэм, къушъхьэхэм къыхэжа яуж, нэхъ хом мэхъури ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ егъазэ. Губгъуэм илъэда яуж псым кхъухьхэр ирикӀуэфын щыхъур, ауэ, [[Ганг канал]]ыр ямышъа кӀышъэ кхъухьхэр, псымкӀэ дэкӀуэифхэт иджырей [[Раджаджи|Раджаджи паркым]] нэгъунэ.
=== Курыт лъэныкъуэ ===
[[Файл:Sunset on the Ganga river, Allahabad.jpg|left|230px|thumb|Гангыр [[Аллахабад]] къалэм и пэм]]
И ку лъэныкъуэм Гангыр нэхъ хому ежэхын кӀедзэ, хыжэм ипшъэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэгъымкӀэ хуэку, бжыгъэрэ игъэчу и гъогур, а гъэчыгъэхэм къалэ инхэр тет: [[Канпур]], [[Аллахабад]], [[Мирзапур]], [[Варанаси]], [[Патна]], [[Бхагалпур]], [[Раджшахи]] пэмыкӀхэри. ЗандэгъуэкӀэ псым а и лъэныкъуэгъуэм и кӀыхьэгъыр 1,529 км нэхъ мыхъуми, гъэчыгъэхэмкӀэ кӀыхьэгъыр бжамэ зэрыхъур 2,597 км. [[Каннаудж]]ым нэмысу сэмырабгъу лъэныкъуэмкӀэ Гангым псышхуэ [[Рамганга|Рамгангэр]] холъадэ. АткӀэ, Аллахабадым дежь, Гангым и нэхъ ину хэлъадэ псыр зыхеубыдэ - [[Джамна]], Гангым дэкӀыгъу [[хиндудин]]ым пылъхэм шъхьэкӀэ ауш «Сангам» мэхъур, и псы къабзэмкӀэ Ганг утхъуам и псыхъуэр метрэ 800 нэхъ бгъуэ ешъыр. Гангым и псыр куэду зэрыхахым шъхьэкӀэ, [[Джамна]]м тӀоуэ нэхъыбу псы ехьыр Гангым нэхърэ я зэхэлъэдэпӀэм дежь, абым шъхьэкӀэ гидрологиэ хабзэмкӀэ, абыдем щыкӀэдзауэ псым цӀэуэ зэрихьэн хуэр «Джамна», ауэ, хабзэжъ джылэм хэлъымрэ, динымрэ теухуауэ а Ӏохум гулъытэгъуэ ираткъым. [[Аллахабад]]ым дежь Гангым и сэмырабгъумкӀэ холъадэ Гамти, ижьырабгъумкӀэ Тамсара Карманашара, [[Патна]]м и шъхьэмкӀэ - сэмырабгъумкӀэ Гхагхра, ижьырабгъумкӀэ Сон, Патнам пэщылъ [[Хаджипур]]ым дежь псышхуэ Гандакир холъадэ.
[[Файл:Boats by the ghats, on the Ganges, Varanasi.jpg|thumb|220px|Гангым телъ кхъуафэхэр, [[Варанаси]] къалэм и гъунэгъу.]]
[[Бхагалпур]] къалэм дежь, Гангым псышхуэ [[Коши]]р еубыдыр, [[Гималайхэр|Гималай къушъхьэхэм]] къыхэжыр. И курыт лъэныкъуэгъуэм бгъуагъ метрэ 1,500 щынэсым и кууагъри метрэ 10 здыфӀэкӀым, Гангым фӀыуэ ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ егъэч, [[Инд Ганг губгъуэ]]м и нэхъ занкӀэ лъэныкъуэм ихьу. Абдежьы щыкӀэдзауэ и кӀэ лъэныкъуэр щыкӀедзэ, [[Гангыжэ|жэ]] бжыгъэкӀэ зэхэкӀыу. [[Сахебгандж]]ым дежь, сэмырабгъумкӀэ Бхагиратхи-жэ ин хокӀыр, Гангым и псыхъуэ нэхъышъхьэм абы щыкӀэдзауэ цӀэ зэрихьэр [[Падма]]. Км 100 фӀэкӀауэ Падмэм щыкӀэдзауэ иджыри зы жэ ин хокӀыр Даланги ицӀу.
=== КӀэ лъэныкъуэмрэ псыпэмрэ ===
[[Файл:MeghnaRiver.jpg|left|thumb|230px|Мегхна жэр, Ганг и делтэм]]
{{Main|Ганг и делтэр}}
Губгъуэ лъашӀэм км 160 хэкӀа яуж Бжагиратхирэ Джаланги жэхэр зыуэ зэхолъадэхэ Хугли жэ джоуэ, абым къалэ [[Калкутта]]р тет. Псы Дамодарым Хуглимрэ зэхэлъэда яуж, къалэ [[Чанданнагар]]ым де, хы кхъухьхэр ирикӀуэфын мэхъур Хуглим, хы тӀыгу Сагар идежь, Калкуттам и кӀагъымкӀэ ехамэ [[Бенгал хыжэ]]м холъадэ. Псым и ныкъуэр жэ Хуглим ирита яуж Ганг и жэ нэхъ ин Падмар ипшъэ-къуэкӀыпӀэ лэныкъуэм темыкӀыу йожэх, жэ цӀыкӀу бжыгъэкӀэ зэхэжу, сэмэгурабгъумкӀэ псы иныфӀ Махананду зыхиубыду, къалэ [[Раджбари|Раджбаромэ]] дежь [[Дамуна|Джамунар]] зыхеубыдэ, [[Брахмапутра]]м и жэр.
[[Файл:Rivers Southern India 88.74820E 21.89536N.jpg|thumb|220px|Ганг и делтэр]]
ПситӀыр зэхэлъэда яуж, зэдэкӀыгъху [[Бенгал хыжэ]]м холъадэхэ [[Мегхна]]ри ядэкӀыгъу. Раджбаромэ щыкӀэдзауэ Гангрэ Брахмапутрарэ я делтэдыдэр кӀедзэ, дунем и нэхъ ину, и нэхъ лъэшу щытыр, счыгъуи зэзыхъуэкӀыр. Хуглирэ Мегхнэрэ я зэхуакум шӀыпӀэ дэлъым цӀэ зэрихьэр [[Сундарбан]] - бжыгъэ псыкӀэ, [[ПсыпцӀэ|псыпцӀэкӀэ]], [[Хыблыгу|хыблыгукӀэ]] зэхэту, Бенгал хыжэм и гъунэм ирикӀу км 265-кӀэ, и бгъуагъыр км 350 хъууэ, [[псыгу]] бжыгъэхэр ятӀэгъуэм зэтрихьам ящыщу кӀэху къэхэкӀху къэзэрхэкӀам хуэду кӀэхуи кӀуэдыжьху, мэз дэгушхуэ къэкӀхэр псыр къыщикӀым дежь зэкӀештэр, щехыжьым ятэгъуэ псэушъхьэ, къэкӀыгъэ къихьахэр къигъану.
Ганг и делтэр къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмрэ (нэхъ уэрыр) къуэхьэпӀэ лъэныкъуэмрэ (нэхъ хомыр) джоуэ мэгуэчыр. [[Сундарбан]]ыр дунем и нэхъ ину щыт хэку [[Мангрохэм я мэзхэр|мангрохэм я мэзхэмкӀэ]], Ганг и делтэм и зы лъэныкъу щыт, делтэ кӀуэцӀым шӀыр кӀэху мэгъушъыр псыр къикӀа яуж, [[Бенгалиэ]]м и шӀы нэхъыфӀхэр къыхэкӀыу абым. Джыпсту а хэкур зыкъэмыну джыпӀэ хъуну аграриэм шъхьэкӀэ къагъэсэбэпыр, лъэныкъуэ цӀыху здимысу къэнахэр мэз дэгу бэлыхьэкӀэ зэкӀэкӀауэ щытхэ. [[Псыдзэ|Псыдэм]], [[хыдзэ]]м, [[тропик циклон]]хэм ямылъытауэ Ганг и делтэм дэмыкӀыу 145 млн цӀыху дэс (апхуэду 1961, 1991 гъэхэм апхуэдэ уаиэхэм цӀыху 700 мину хэкӀуэдат).
== Флорэмрэ фаунэмрэ ==
[[Файл:Indian Gharial Crocodile Digon3.JPG|left|thumb|230px|[[Гавиал]].]]
Тхыдэ тхылъхэм къызэрикӀым Гангрэ [[Джамна]]рэ я псыхъуэхэм мэзышхуэхэр къыщыкӀхэт, XVI-XVII лъэхъэнэхэм нэс мы лъэныкъуэм шӀыпӀэ цӀыхур здынэмӀэсахэр иджыри щыӀэт. А мэзхэм бэуэ щыпсохэт - [[Индиэ пыл|пылхэр]], [[Азиэ хыв|хывхэр]], [[лиуан]]хэр, [[къаплъэн]]хэр, [[риноцерос]]хэр. Ганг и псыхъуэ бэгъуам бзу лӀэужъыгъэ бжыгъэхэр щопсо, бжъэжъеуэ лӀэужъыгъу 140 мы нэхъ мыкӀыу, рептилэхэм 35 ящыщ лӀэужъыгъу, шэрыпӀхэм 42 лӀэужъыгъу.
Мы шӀыпӀэм псэушъхьэ кӀуэдыжьэм ящыщхэр щопсо, хъумэныгъэ ӀэнатӀэм щӀэтхэр, абыхэм ящыщ: [[бабуин]], [[Мыщэ гъуабджэ|мышъэ гъуабджэ]], [[Бажэ|бажьэ]], [[Щомыщ|щомышъ]], [[ирбис]]. [[Щыхьхэр|Шъыхьхэм ящыщ лӀэужъыгъуэ]] зытӀущ (абыхэм ящыщ [[Щыхь уэгу|Шъыхь уэгу]]), [[кабарга]], [[Хистриксхэр|хистрикс]] пэмыкӀхэр джоуэ. Абыхэм пэмыкӀыу бэуэ щопсохэр [[ХьэнтӀрабгъуэхэр|хьэнтӀрабгъуэхэмрэ]] адрей хьэпӀацӀэ къуэлэныфу щытхэмрэ.
Джылэ къэралым дэсым и бжыгъэр куэду зэрхэхъуэм шъхьэкӀэ Гангым и псыхъуэм иса фаунэр хомурэ мэз къэнэжьахэмкӀэ хэхьэжьа. [[Инд Ганг губгъуэ]]м пэкӀэхуэ хъуну зэзэмызэкӀэ [[Щыхь|шъыхь]], [[мэзыкхъуэ]], [[мэз джэду]], [[дыгъужь]], [[Бажэ|бажьэ]] лӀэужъыгъуэ бжыгъэхэр. Псым хэм псэушъхьэхэм ящыщхэр: [[ганг хыкхъуэ]] лӀэужъытӀ, [[ганг хыхьэ]] пэмыкӀхэр джоуэ.
Нэхъыбу псэушъхьэ-къэкӀыгъуэ зэхэтыкӀэр къыздэнар псыпэм дежь, [[Бенгал хыжэ]]м здыпэкӀэхуэм, [[Сундарбан]] дежь. А лъэныкъуэм иджыри къэна фӀыуэ зэрамгъэшъа флорэм щыщ лӀэужъыгъэхэр, абыхэм пэмыкӀыуи псэущхьэхэм я пщы хэкум щыщ [[бенгал къаплъэн]]. Хэкум щыщу бжъэжъэй къебжэкӀа хъынухэм я щыщхэр: [[нотоптэридхэр]] ({{lang-lat|Notopteridae}}), [[ципринидэхэр]] ({{lang-lat|Cyprinidae}}), [[клариэ батрачусхэр]] ({{lang-lat|Clarias batrachus}}), [[анабантидэ]]хэр ({{lang-lat|Anabantidae}}), [[Чанос (бдзэжъей)|чанос]] ({{lang-lat|Chanos chanos}}) джоуэ.
== Лъэпкърэ динрэкӀэ зэхэтыкӀэр ==
Ганг и псыхъуэм джылу дэсым 2201 гъэмкӀэ я бжыгъэр зэрыхъуар млн 500 цӀыху, [[Индиэ]]м, [[Непал]]ым, [[Бангладеш]]ым я шӀыпӀэхэм, абым пэмыкӀыу мыкуэду [[Дылэ Республикэ Хъутэйм|Хъутэймрэ]] [[Бутан]]ымрэ. НэхъыбаӀуэм мыбдежьым лъэпкъ зэхэдзыгъуэ яшъкъым, лъыпкъ зыщыщыр (лъэпкъ цӀыкӀухэм щымыхъукӀэ) ямытху джылэбжыгъэ щырагъэкӀуэкӀкӀэ, гупхэр къызэрахагъэкӀхэр динымкӀэ иэ я бзэмкӀэ.
Ганг и псыхъуэм дэс джылэр зэхэпхъауэ щыт. КъуэхьэпӀэмрэ курыт лъэныкъуэмрэ джылэ дэсхэр я нэхъыбэм пэсырей [[Дравидхэр|дравид лъэпкъхэм]] къахэкӀахэра, яужым [[Ариэхэр|ариэ лъэпкъхэр]] яхэхьэри зы хъуахэ. Зэманыгъуэ текӀауэ [[турукхэр]], [[монголхэр]], [[афганхэр]], [[къажэрхэр]], [[хьэрыпхэр]] къахэхьэуэ щытат. КъуэкӀыпӀэмрэ ипшъэмрэ, нэхъыбэӀу [[Бенгалиэ]]м, дравидхэр арийхэмрэ [[Тибет бирма бзэхэр|тибет бирма бзэхэм]] ящыщ лъэпкъхэм хэтӀысхьэхэт. Еуропей яужыреуэ къэкӀуахэтэр хэкум джылэм и нэхъ макӀэхэм ящыщхэ.
Псоуэ къапштэмэ псыхъуэм и джылэр бзэ пшъищым фӀэкӀыу мэпсалъэхэ, я нэхъыбэр [[Инд-арий гуп|инд-арий гумым]] ящыщу, абым фӀэкыу псалъэкӀэ 200 нэхъри нэхъыбэ зэрахьу. Псом нэхъри нэхъыбу щыт бзэр [[хиндубзэ]] (51-61 %), [[бенгалыбзэ]] (25 %, нэхъыбэм Бенгалиэм къагъэсэбэп), [[урду]] (6%), [[майтхили]] (3 %, нэхъыбэм Непалым), [[непалыбзэ]] (3 %, нэхъыбэм Непалым), [[панджаби]] (0,7 %), [[бходжпури]] (0,4-7,5%), [[тхару]] (0,3 %), [[тамангыбзэ]] (0,3 %), [[ория]] (0,3 %)<ref>КъэӀохугъуэр къызхэхар [http://www.censusindia.gov.in/Census_Data_2001/Census_Data_Online/Language/Statement3.htm Индиэ и джылэбжыгъэр 2001 гъэмкӀэ] [https://web.archive.org/web/20080924185510/http://www.cbs.gov.np/national_report_2001.php Непал и джылэбжыгъэр 2001 гъэмкӀэ], Бангладеш дэс джылэр бангладешыбзэ зезыхьэху ябжа псори — [http://www.state.gov/r/pa/ei/bgn/3452.htm US dept. of State Background Note].</ref>. [[Инджылыбзэ]]р джылэбжыгъэм къамылъытами тӀуанэ бзэуэ, куэду къагъэсэбэпу щыт тхыбзэм.
Хэкум дэсым я нэхъыбэр [[Хиндудин|хиндуигъэм]] пылъхэ, 75 % хуэдиз, бжыгъэкӀэ яуж итыр [[Ислъам|мыслъымэныгъэм]] пылъхэра 23 % хуэдиз, а псом я щанэ хуэдизыр [[Бангладеш]]ым дэсхэ, къэралым и нэхъыбу щыту. Дин гуп нэхъ цӀыкӀухэм ящыщхэр [[Буддэдин|буддэныгъэ]] (0,8 %), [[сикхыгъэ]]мрэ [[Чыристэныгъэ|чыристэныгъэмрэ]] (0,5 % тӀуми яӀу), [[джайныгъэ]] (0,1 %)<ref>КъэӀохугъуэр къызхэхар
[http://www.censusindia.gov.in/Census_Data_2001/Census_data_finder/C_Series/Population_by_religious_communities.htm Индиэ и джылэ бжыгъэ 2001 гъэм], Бангладеш и джылэбжыгъэр 2000 гъэм (хъыбархэр [https://web.archive.org/web/20100330162440/http://www.banglapedia.org/httpdocs/english/index.htm Banglapedia]) [https://web.archive.org/web/20080924185510/http://www.cbs.gov.np/national_report_2001.php Непал и джылэбжыгъэр 2001 гъэм].</ref>.
== Псы хэлъадэхэр ==
{| cellspacing="0" cellpadding="5" style="background-color:#B0E0E6; border: 1px #000 solid;"
|style="text-align:center; "|'''Псы хэлъадэхэм я тхылъ'''
{|style="text-align:right;background-color:#E6E6FA; "
|-
|style="text-align:center;"| КӀыхьэгъымкӀэ псыхэр зэхэдзауэ
{|border="1" width=100% frame=void cellpadding="2" cellspacing="0" style="padding:5px;text-align:center;"
|-style="text-align:center;"
|-
| № || КӀыхьэгъыр км. || ЦӀэр || Къэралыр
|-
| 1 || 1376 || [[Джамна]] || [[Индиэ]]
|-
| 2 || 950 || [[Гхагхра]] || [[Хъутэй]] ([[Тибет]]) • [[Индиэ]]
|-
| 3 || 900 || [[Гомати]] || [[Индиэ]]
|-
| 4 || 780 || [[Сон]] || [[Индиэ]]
|-
| 5 || 630 || [[Гандаки]] || [[Непал]] • [[Индиэ]]
|-
| 6 || 592 || [[Дамодар]] || [[Индиэ]]
|-
| 7 || 264 || [[Тамса]] || [[Индиэ]]
|-
| 8 || 235 || [[Карманаша]] || [[Индиэ]]
|-
| 9 || 205 || [[Бхагиратхи]] || [[Индиэ]]
|-
|10|| 200 || [[Алакнанда]] || [[Индиэ]]
|}
|-
|
|}
|-
|style="text-align:center" |<small>''Гъэлъэгъуа псыхэр зи кӀыхьэгъыр км 200-м фӀэкӀ''</small>
|}
== Гулъытыгъуэ ==
{{Reflist}}
== ТехьэпӀэхэр ==
* [http://www.ppl.nl/index.php?option=com_wrapper&view=wrapper&Itemid=82 Псымрэ дунейпсо пӀалъэмрэ] Мамырыгъэм и библиотека. {{Ref-es}}
* [https://web.archive.org/web/20190915193736/http://www.photosdumonde.info/gange Ганг и сурэтхэр] {{Ref-es}}
* [https://web.archive.org/web/20100420055328/http://www.ecofriends.org/ Eco Friends, ONG Ганг и хъумэныр] {{Ref-es}}
* [https://web.archive.org/web/20210210185543/http://dsal.uchicago.edu/reference/gazetteer/pager.html?objectid=DS405.1.I34_V12_138.gif Империэ хъыбарыкэхэм дежь Гангыр, 1909] {{Ref-en}}
* [http://www.washingtonpost.com/wp-srv/photo/gallery/070607/GAL-07Jun07-77064/index.html Мыл ткӀуныр Гангым зэран зэрхуэхъур] {{Ref-en}}
* [http://www.kamat.com/indica/rivers/ganga.htm Индиэм и псыжъ Гангыр] {{Ref-en}}
* [http://www.youtube.com/watch?v=hCy3T7yms_w Ганга Ма: псыкъыкӀэжыпӀэ тхьэлъэупӀэ] документариэ Гималайхэм Ганг и къыхэжыпӀэм теухуа. {{Ref-en}}
* [http://www.sacredland.org/ganges/ Ганг и джылэмрэ и лъэпкъымрэ теухуа тхыгъэ] {{Ref-en}}
* [http://slovari.yandex.ru/dict/geography/article/geo/geo1/geo-1099.htm Ганг] — Иджырей хэкумэтх цӀэхэм я псалъарэр.
{{Geo-stub}}
884xcndrppyry52uv80gdylmskm0dqj